- уадэ
- молот, молоток/ ГъущI зэрыщIауIукI, зыгуэр зэрыхаукIэ е зэракъутэ пхъэкIрэ гъущIыщхьэу зэфIэлъ Iэмэпсымэ.* Япэ дыдэу уадэ, Iэдэ, сыдж нартхэм яхуэзыщIар Лъэпщщ. Нарт.Уадэм къытегъэхуэн добиться чьего-л. согласия.* ТIатIым, тхьэ пхузоIуэ уи нитI къаплъэмкIэ уэзгъэлъагъунмэ а ЗиночкикI сэ сызыхуей уадэм къытезгъэхуауэ. Къ. Хь.уадэ цIыкIу молоток, молоточек/ Iэ лъэныкъуэкIэ зэрылъащэ уадэ мыин, псынщIэ.уадэ щхьэ папцIэ кирка/ ПапцIэу, псыгъуэу пыуIукIауэ щхьэ зиIэ уадэ.
Словарь Кабардино-Черкесского языка. 2014.